КъазфӀыцӀащхъуэ (лат-бз. Anser fabalis) — къаз теплъэхэм ящыщ лӀэужьыгъуэщ.
Унэ къазым хуэдизынщ, ауэ нэхъ быдэу зэхэщӀыхьащ. И теплъэкӀэ гъуабжэ-щхъуэуэ зэхэлъщ, и пэр фӀыцӀэщ, кусэ гъуэжьхэр и гъунэхэмкӀэ ирикӀуэу. Хъумрэ анэмрэ я теплъэкӀэ зэщхьэщыкӀхэкъым, ауэ анэр нэхъ цӀыкӀу щытщ.
Мы лӀэужьыгъуэр Ищхъэрэ жыжьэм щопсэу. Я зыныкъуэм щӀымахуэр Хы ФӀыцӀэм, Хы Курытым я Ӏуфэхэм щрах.