Румат (лат-бз. Fringílla coélebs) — бзупэгъум лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Унэбзум нэхърэ мащӀэу нэхъ цӀыкӀущ. НатӀэ фӀыцӀэщ, щхьэщыгумрэ пщэ щӀыбагъымрэ къащхъуафэщ, тхыцӀэкур гъуабжэщ. Анэм и теплъэр гъуабжэ-удзыфэщ, кӀащхьэмрэ кӀэпкъымрэ гъуэжь-удзыфэ къащӀоуэ, ныбэ щӀагъыр гъуэбжафэ-щхъуэщ.
Ди мэзхэм нэхъыбэу щыпсэухэм ящыщщ. УащыпэщӀохуэ Еуропэм, Сыбырым, Ищхъэрэ-КъуэкӀыпӀэ Африкэм, Азиэ КъухьэпӀэм. Щогъуалъхьэ сыт хуэдэ мэзми, жыг хадэми, паркхэми, ауэ нэхъ къыхах псей, уэздыгъей къызэбэкӀ, зи щӀагъыр гъущэ мэзхэр. Хуабжьу зэхэщӀыхьа и абгъуэр щыплъэгъунущ къудамэ зэгуэкӀыпӀэхэм, е къудамэм.
Ӏус нэхъыщхьэр жылэщ, шырхэр зэрапӀыр гъудэбадзэщ.