Хыбабыщ (лат-бз. Phalacrocorax carbo) — хыбабыщ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
ПӀыщэщ, къешэч ч. 3 нэс, дамэ лъэныкъуэр см. 38 нос. Теплъэр фӀыцӀэщ, домбеякъ-удзыфэ къыщӀэуэу, щӀагъыр щӀыхуфэщ. Жьэгъу пцӀанэр, нэкӀыхэр тэхуфэщ, лъакъуэхэр фӀыцӀэщ, пэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ.
Ину зызубгъуа лӀэужьыгъуэщ — щыӀэщ ФӀыцӀэм, МыутӀэм, Къарс хыхэм я псыпэ Дунай, Индыл, Псыжъ, Тэрч, Урал яхэм къынэмыщӀауэ, КъухьэпӀэ Еуропэм, Африкэм, Азиэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэм. ЩӀымахуэр здэгъакӀуэ щӀыпӀэхэм ящыщщ Хы Къарс и ипщэ ӀуфӀэхэр. Хыбабыщхэм я бжьыгъэр иужьырей илъэсхэм хэпщӀыкӀыу зэрыхэхъуэр, бдзэжьейм зэрегуауэм къыхэкӀыу, къэгъэувыӀэн хуейуэ ӀэщӀагъэлӀхэм къалъытэ.