Мысырбзу лъэпкъыр (лат-бз. Threskiornithidae) — псыхэуэбзагуэ хэкӀыгъуэм щыщ лъэпкъщ.
ЩӀыпӀэ хуабэхэм куэду щыпсэу лъэпкъщ. Абы хэхьа лӀэужьыгъуэхэр къэщӀэгъуафӀэщ я пщэ, лъакъуэ, пэ псыгъуэ кӀыхьхэмкӀэ (пэхьэнцэбзум къанэмыщӀауэ). Нэхъыбэм я щхьэр, пщэр цыншэщ, хьэгуагуэ яӀэщ. Мысырбзухэр хулъэншэщ. Гупышхуэхэурэ псыӀуфэхэм гъунэгъуу щогъуалъхьэ.
Лъэпкъ къуэдзитӀу, лъэпкъыгъуэ 13-рэ лӀэужьыгъуэ 32-рэ къызэщӀеубэдэ, ахэр:
Мысырбзу лъэпкъ къуэдзэр Threskiornithinae
Пэхьэнцэбзу лъэпкъ къуэдзэр Plateinae