Къазмакъбзу (лат-бз. Phoenicurus erythrogastrus) — жьыкъан лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Щхьэщыгур, пщэр — хужьщ; натӀэр, щхьэбгъухэр, жьэгъур, бгъащхьэр, дамэхэр, тхыцӀэр — фӀыцӀэщ. Анэхэм я тхыцӀэр щхъуэ-гъуэбжафэщ, ныбэ щӀагъыр нэхъ хужьыфэщ.
Щопсэу Азиэ Курытым, Алтайм, Къажэрым я бгылъэ щӀыпӀэхэм, Къаукъазым. И бжыгъэкӀэ курытщ. Мы лӀэужьыгъуэр Къаукъазым щымащӀэщ, ауэ мылъэтэжу щопсэу. Гъэмахуэм щыплъагъунущ къущхьэ щӀыпӀэхэм, бжьыхьэ-щӀымахуэм — псыхъуэ гъурцхэм, банэ мэзхэм.
Нэхъыщхьэу къэкӀыгъэ жылэщ, псом хуэмыдэу къазмакъейр фӀыуэ ялъагъур.