dcsimg

КъуршмывэкӀэпыс ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

КъуршмывэкӀэпыс (лат-бз. Motacilla cinerea) — мывэкӀэпыс лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.

Теплъэр

МывэкӀэпыс лъэпкъым и лӀэужьыгъуэ псоми я нэхъ кӀэ кӀыхьщ. Хъухэм я тхыцӀэр щхъуэ-яжьафэщ, ныбэ щӀагъыр щхъуэ-гъуэжьыфэщ, кӀащхьэр гъуэжь-удзыфэщ, жьэгъур щхъуэ-фӀыцӀафэщ, кусэ хужьхэр хэлъу. Нащхьэм набдзэ хужь ирокӀуэ. Анэр нэхъ фагъуэ.

Здэпсэухэр

Къэрал куэдым щопсэу. Къаукъазым гъунэжу уащыпэщӀохуэ. Мэлъэтэж, щӀымахуэр изыххэри къахокӀ. Щогъуалъхьэ нэхъыбэу къуршыпс Ӏуфэхэм.

Ӏусыр

Яшхыр псым и гъунэгъу хьэпщхупщ, гъудэбадзэхэрщ.

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors