dcsimg

Мыщэ ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Мыщэ (лат-бз.: Ursidae, ур-бз: Медведь) — шъакlуэ-псэушъхьа, шэрыпlхэм ящыщ. Мышъэхэм шхынкlэ зэхэдз яшъкъым, фlыуэ йорсхэ, жыгхэм, бгъуэнхэм допшеихэ, псынкlыу мэжэфхэ, макlыу зокlуэфхэ, тотыфхэ лъэкъуитlкlэ. Кlапэ кlэкlы яlа, яцыр lув, кlыхь, фlыуэ мэхэр къыкlахьа икlи макъхэр зэхах. Щышъакlуэхэр бджэхьашъхьам иэ пщэджыжьым. Нэхъыбэм цlыхум яхуэсакъу щыт, ауэ цlыхухэм здахуесам иде ятеуэнкlи мэхъу, апхуэдэхэм янэхъыбэр мышъэ хужьымрэ гризлымрэ.

Сурэтыр

Адрей шъакlуэ- псоушъхьахэм ялъытамэ мышъэхэр нэхъ зэхьчу щытхэ я сурэтымкlэ, я инагъымкlэ. Мышъэхэр шlым щыпсоу шъакlуэ-псоушъхьахэм я нэхъ ин. Мышъэ хужьхэм и аплъэпlкъым икlыхагъыр м. 3 мэхъу, ихьалъагъыр 725-1 000 кг. носыр, нэхъ цlыкlухэм ящыщыр малай мышъэхэра, я аплъэпlкъым икlыхагъыр м. 1-1,5, ихьалъагъыр 70 кг. носыр.

Я цыр lуву, кlыхьу, вэлацу щыт я нэхъыбэхэм, малай мышъэхэм яр кlэкlыу, мы lуву ятет. Цым ифэр, мы къуэлэну, псоуэ къуафlцlэм къыщыкlэдзауэ хужьымнэгъунэ, пандэ иным щымыхъукlэ, абы ицыр къуэлэн, фlыцэ-хужьу зэхэлъ. Я бгъэхэм иэ я нэхэм ихъуреягъыхэми хужьу цыр щытуи мэхъу. Адрей я ныкъуэхэм я цым ифэр гъэм елъытауэ зэрехъуэкlыр и кlыхьагъымрэкlэ иlувагъымрэкlэ.

Аплъэпlкъыр

Мышъу хъуам я аплъэпlкъыр хуэгъэзыхауэ, шъэджашъу щыт, куэдым джабэ лъагэ яlу.

Я лъакъуэхэр къэрууфlэ, лъэхъуамбэ тхурытху ятет, абыхэм лъэбжъанэ кlыхьхэр яlу. Я лъэбжъанэхэр мышцхэм яlыгъу щыт, абы шъхьакlэ жыгхэми допшеифхэ, шlыри ятlыр, къаубыдахэри зэпlкъыратхъыф. Гризлы мышъэм илъэбжъанэхэм икlыхагъыр 15 см. носыр, ар шlыр итlыным шъхьакlэ фlыуэ къыхосэбэп ауэ жыгхэм дригъэпшеифкъым. Мышъэхэр щызекlуэкlэ я лъакъуэхэр ялъэфу макlуэ, лъэгум трагъэуву лъапэр.

Я кlапэр кlэкlыу щыт, цым къыхэмыщу.

Шъхьар ин, я нэхэр цlыкlу.

Пшъэр гъуму кlэкl

Здэпсохэр

Мышъэхэр шlыпlу хъуам щопсохэ Австралиэ, Антарктидэ, Африкэм джоуэ щымыхъукlэ. Япэреуэ здисахэр: Еуропэми, Азиэми (Арави хы тlыгуныкъэм щымыхъукlэ); Ишъхъэрэ Америкэм Мехикэ икум нэгъунэ; Ипшъэ Америкэм икъушъхьахэм. Еуропэм инэхъэбэм, Ишъхъэрэ Африкэм, Ишъхъэрэ Америкэм, Японым мышъэхэм я нэхъыбэр кlуэда. Абы лажьэ зиlар цlыхум и lэшъагъэра

Зэрыпсохэр

Мышъэхэм я нэхъыбэр губгъуэ-мэзхэм иэ къушъхьа-мэзхэм щопсохэ, макlыу къушъхьа-мэзыншэхэм. Яныкъуэхэм псым игъунэгъу щыпсоун я хабзэ: псыхъуэхэм, хы lуфэхэм. Мышъэ хужьыр Арктикэм щопсоу Мыл океаным нэгъунэ.

Шхынымкlэ зэхэдз яшъкъым, ауэ, зы ныкъуэм къэкlыгъэхэр нъэ кlасу къыхах адрехэм лы нэхъ къыхах. Лъэпlкъу хъуами я шхыным къэкlыгъэхэр, хьапlацlэ, хьамблу, фо, бжъэжъей джоуэ хэт. Я шхыныр гъэм елъыта.

license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors

Мыщэ: Brief Summary ( Kabardian Circassian )