dcsimg

Псыхъуэжьынду ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Псыхъуэжьынду (лат-бз. Bubo blakistoni) — кӀукӀумяу хэкӀыгъуэм, жьынду лъэпкъыгъуэм я нэхъ пӀащэщ.

Теплъэр

Дамэ дияхэр м. 2-м, къишэчыр ч. 4-м нос. Теплъэ нэхъыщхьэр гъуабжэщ.

Здэпсэухэр

Щопсэу Урысейм и КъуэкӀыпӀэ Жыжьэм, Сахалин, Курил хытӀыгухэм. Азиэм я псыхъуэхэ мэзхэм. Мэгъуалъхьэ псым пэмыжыжьэу.

Ӏусыр

Ӏусыр — бдзэжьей, елыркъэш, хьэндыркъуакъуэ.

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors