БабыщкӀэпсы́гъуэ (лат-бз. Anas acuta) — къаз теплъэ лъэпкъ къуэдзэм щыщщ.
И инагъэкӀэ курытщ, и пщэр кӀыхьрэ и кӀэр дыд сурэту хуэпапцӀэу. Щхьэр фӀыцӀафэ-гъуабжэщ, тхыцӀэр, джабэхэр щхъуэщ тхыпхъэ фӀыцӀэ хэлъу. Анэр щхъуэ-гъуэбжафэщ. Зы чилым щӀыгъу къешэч.
Мы бабыщ лӀэужьыгъуэм хуабжьу зиубгъуащ. Щогъуалъхьэ Еуропэми, Азиэми, Америкэми. Нэхъыбэу уздыпэщӀэхуэр къэкӀыгъэ зэбэкӀ псыӀуфэхэращ. Псалъэм папщӀэ, гъэмахуэм бабыщкӀэпсыгъуэхэр щыплъагъунущ Псыжъ, Инжыджышхуэ, ИнжыджцӀыкӀу, Тэрч, Бахъсэн я Ӏуфэхэм.