Псыкъуаргъ лъэпкъыр (лат-бз. Alcedinidae) — къуаргъэкъащхъуэ хэкӀыгъуэм щыщ лъэпкъщ.
Къуалэбзу инхэкъым, я теплъэр нэхъыщхьэу къуэлэнщ. КъэщӀэгъуафӀэу я теплъэм иӀэр пэ лъэшымрэ лъакъуэ кӀэщӀхэмрэ. ЛӀэужьыгъуэхэм я инагъыр куэду зэщӀхьэщокӀыр, псалъэм папщӀэ: лъэпкъым и нэхъцӀыкӀу дыдэ лӀэужьыгъуэм (Ceyx lecontei) и кӀыхьагъыр см. 10, къешэч г. 10; нэхъ пӀащэм (Megaceryle maxima) я кӀыхьагъыр см. 40, къашэч г. 400.
ЛӀэужьыгъуэхэм я нэхъыбэр Африкэм, Азиэм, Аустралиэм я тропик мэзхэм щопсэухэр. Ди хэгъуэгум зы лӀэужьыгъуэ закъуэщ щыпсэур (Псыкъуаргъ). Мы къуалэбзухэр мэзхэм зэрыпсэум хуэдыуи псы Ӏуфэхэми уащыпэщӀохуэщ.