ХьэпцӀащхъуэ е Хьэбзу (лат-бз. Apus apus) — хьэпцӀащхъуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ, удзыфэ мащӀэ къыщӀэуэу. КӀэ дэхащ.
Щопсэу Еуропэм, Азиэм. ЩӀымахуэр щырех Африкэм и Ищхъэрэ-КъуэкӀыпӀэм. Щогъуалъхьэ къущхьэ мэзхэм я жыггъуанэхэм, къырхэм деж, бгъуэнщӀагъ цӀыкӀухэмрэ зэгуэкӀыпӀэхэмрэ, унагъуэ псэуалъэхэм я щхьэхэм, дурэшхэм. Шырхэр абгъуэм исщ махуэ 56-рэм нэскӀэ, къилъэта нэужь, занщӀэу езыр-езыру псэууэ ирагъажьэ. Орнитологхэм зэрыкӀэлъыплъамкӀэ, хьэпцӀащхъуэхэм гъэмахуэ жэщыр уэгум лъагэу хуому щыхуарзэурэ щагъакӀуэ мэхъу.