Мэзджэд лъэпкъыр (лат-бз. Phasianidae) — джэд теплъэ хэкӀыгъуэщ.
Дэни щопсэу, ищхъэрэ, ипщэ дыдэхэм къанэмыщӀауэ. ЩӀылъэ псэущхьэхэщ, фӀыуэ къажыхь, Ӏусыр щӀыгум къыщащып, мэлъэпхъащэхэр (мэзджэдыр щымыхъукӀэ). ЩӀылъэрыгъуалъхьэхэщ. ЩӀыпӀэ зэхуэмыдэхэм щопсэу: мэзхэм, губгъуэхэм, къумхэм, бгыхэм, цӀыху псэупӀэм пэмыжыжьэу. Нэхъыбэу яшхыр къэкӀыгъэхэкӀщ. Я адакъэхэр джэджьей къишыным хэткъым, бынри анэхэм дапӀкъым. ЛӀэужьыгъуэ нэхъыбэр лъэтэжкъым.